Karakter boyutu : 12 Punto 14 Punto 16 Punto 18 Punto
Адыгэхэ! Ди къуэш, ди шыпхъухэ!
26 Ocak 2011 Çarşamba Saat 23:20
Гугъуехь куэд зи фэ дэкIа, а псом къелу зи анэдэлъхубзэмрэ щэнхабзэ къулеймрэ зыхъумэжыфа ди лъэпкъыр нобэ щыхупIэ шынагъуэм щхьэщытщ.

Жагъуэгъухэм я гур къыттрагъэзагъэу, ди адэжь щIыналъэм лъыгъажэр щокIуэкI. Иджыпсту зэкъуэшитIыр зэпэщIоувэж, къуэм и адэм Iэщэ треубыдэ. Ди цIыху пашэ, нэхъыфIхэр, псом нэхъыбэу ди щIалэгъуалэр хокIуадэ. Гуузу цIыхуукIхэм псэр щрагъанэ щапхъэ дахэ тхуэхъуу, ди гъэсакIуэу ди япэ ит ди нэхъыжьыфIхэм. Жагъуэгъухэр къытщагъэгуфIыкIыу, адыгэр зэроукIыж. Гузавэгъуэ куэд къызэзынэкIа ди лъэпкъ тхьэмыщкIэм мис иджы и кIуэдыжыгъуэр къэсащ… Дауэ апхуэдэ къэхъункIэ хъуа? Къэрал унафэщIхэра зи лажьэр хьэмэ хабзэм и лэжьакIуэхэм я щхьэхынагъэм къыхэкIа? Абыхэм я Iуэху мыщIэкIэм е къекIуэкIыр къызэтрагъэувыIэну зэрыхуэмейра? Илъэс куэд хъуауэ цIыхубэ организацэхэм я гупсысэкIэм темыхуэ, абы жаIэр къадэзымыщтэ гупхэм я лажьэ? ПэжыпIэр зэхамыгъэкIауэ диныр зыIыгъхэр къызэрырахуэкIыра? Ди лъэпкъым езым и IэкIэ зиукIыжыну къэзылъыхъуэ къэрухэра?

Ди жагъуэ зэрыхъущи, абы щхьэусыгъуэ куэд иIэщ. Ахэм иджыри дегупсысу, нэхъ убгъуауэ дытепсэлъыхьыну къытпэщылъщ. Ауэ иджыпсту Iэмал имыIэу тщIэн хуейр нэгъуэщIщ.

Ди пащхьэ зы упщIэ итщ – СЫТ АДЭКIЭ ТЩIЭН ХУЕЙР? Сыт тщIэн хуейр япэм лъэпкъ лъэщу, дахэу щытам къащIэнэжа тIэкIур, ди лъэпкъ мащIэр дыкъэзуухъуреихь дунейм лъэужьыншэу хэмызэрыхьыжыпэн щхьэкIэ? А упщIэм зы жэуап пэж закъуэщ иIэр – ДЫЗЭКЪУЭТМЭ – ДЫЛЪЭЩЩ! Зы Iэм пыт Iэпхъуамбитхуу дызэрыубыду, зы IэштIым быдэ дызэрыгъэхъун хуейщ, дызэкъуэувэу нобэ дызыIут зэкъуэш зэрыукI зауэр къэдгъэувыIэн хуейщ.

Адыгэ лъэпкъым папщIэ дигу зэхуилъ гукъеуэ, зэгурымыIуэныгъэхэр зыщыдгъэгъупщэну ди къэлэнщ. Ар къыгурыIуэну зыхуэмейхэр, зи щхьэ закъуэ япэ изыгъэщхэр, политикэ Iуэху, дин зэхэгъэкIкIэ гупсысэхэр, лъэпкъым нэхъапэ ахъшэмрэ къулыкъумрэ изыгъэщхэр дэ тщыщкъым – апхуэдэхэр ди лъэпкъым епцIыжауэ, дуней псом тет Адыгэм ди бийщ!

Iэщэ къэзыщтэу къызыхэкIа лъэпкъым зауэ езыщIылIэжахэр фызэщIэгупсысыж! Укъэзылъхуа лъэпкъым къыбдимыIыгъыу, зэи зыри къару, хэгъэзыхькIэ къохъулIэнукъым – ар зэманым къигъэлъэгъуа Iуэхущ. Нобэ фэ фи къуэшхэр фоукIыж, пщэдей фи лъэпкъым и щIыб къыфхуигъэзэнущ. Дэ псоми ди Анэр – АдыгэщI лъахэрщ! Дэтхэнэ Анэми хуэдэу, абы и гур къогъыкI, фIым щыгугъыу и бынхэм къыткIэлъоплъ…

Абы гущIэгъуншэу зауэ лъыгъажэ куэд илъэгъуащ, ауэ зэкъуэш зэрыукI и зэманым къыхуихуакъым. ДгъэгубжьынкIэ шынагъуэщ, тхуигъэгъунукъым... Иджыри хэтIэсакъым, псори зы дывгъэхъужи, ди жанагъ, къару, ди щIэныгъэ, Iущагъыр ди лъэпкъым хуэдывгъэунэтI, жэгъуэгъухэр дгъэгуфIэурэ дызэзыуштахэм ди лъэпкъыр щIедывмыгъэлъхьэж.

Нобэ мы псалъэхэр зэхэдмыхынкIи хъунущ, ди лъэпкъым, ди Адэжь щIыналъэм ди щIыб хуэдгъэзэнкIи хъунущ, ауэ фигу ивгъэлъ, апхуэдэ гупсысэкIэ фIэкIа димыIэмэ, пщэдей махуэр ди лъэпкъым зэримыIэжынур.

 

ELot.Ru


Bu haber toplam 2267 defa okundu.


Yakup Temel

Адыгэгу зк1уэц1ылъу ,лъэпкъ гукъеуэ зи1э. лъэпкъым и къэк1уэным тегузэвыхь ц1ыху псоми нобэ 1уэхушхуэ я пщэ дэлъщ.
Хэкуыжьым исхэр ирехъу, дунейм и дэтхэнэ щ1ыпэ1хэм щыпсоухэр ирехъу, адыгэу хъуам, щ1ызгурмы1уэ щ1ык1э псори зы лъэныкъуэ ирагъэзу зыгурэ зыщхьэрэ зэрыхъунк1э 1эмалыншэщ.
Ди шэсып1эп1эхэр,

Адыгэ Хэкур
Адыгэ щэнхабзэр
Адыгэбзэр

Мыщыр ди зэхуэсып1эщ

Тэгуклан Екъуб

28 Ocak 2011 Cuma Saat 20:42
Fahri Huvaj

Къэзытхар хэтми сщ1эркъым ауэ си гум къипсэлъык1ыу къызэритхар жыс1эну сыхуейщ, хэплъхьэни хэпхыни щы1экъым жыхуа1эм хуэдэщ.
Ауэ ди жагъуэ зэрыхъунщи, жып1э къудейк1э зыри къик1къым. Лъэпкъыр зы/зэкъот зэрыхъуфынур, зыщ1 тету псэуфмэщ, Хэкук1э зэрипэсауэ, и псэм хыхьауэ зыщ1. Къызэрыхъухьа унагъом, къызыхэхъухьа лъэпкъым хуэпэжмэщ, абы къадэхъуа анэдэлъхубзэр зы1уримыгъэхумэщ, абы къыхалъхьа Адыгэ хабзэр зыхимыгъэзмэщ, я 1оху-дэлъхэр, я гуф1эгъуэ-гу1эгъуэр зэдагуэшмэщ, 1оху зэдащ1эуэрэ зэдэпсэухэмэщ...
Тхыгъэм зэрыжи1эуэ ди ц1ыхум зигъэпсын, зипсыхьэн хуейщ, абы къыдэк1уэуэ ди къэралхэми, абы теухуауэ зы политикэ 1упщ1 зэрагъэпэщын, зэрахьэн хуейщ, а жыхуэт1ам дынишэсыфыну...
Къэзытхам си гуапэу сохъуэхъу и тхалъэр нэхъ лъэщыу и бзэр нэхъ жанурэ ц1ыхум я гум нэсыфу куэдрэ Тхьэм тхуигъэпсэуну.
Хъуажь Фахьри

27 Ocak 2011 Perşembe Saat 16:31
Sitemizin hiçbir vakıf, dernek vs. ile ilgisi yoktur. Sitede yayınlanan tüm materyallerin her hakkı saklıdır. Sitemizde yayınlanan yazı ve yorumların sorumluluğu tamamen yazarına aittir.
Siteden kaynak gösterilmeden yazı kopyalanamaz.
Copyright © Cherkessia.Net 2009 İletişim: info@cherkessia.net