

Лъэпкъхэм, я лъэпкъыщхьэр яхъумэным хуэгъэзауэ, я лъэпкъыбзэр нэхъыщхьэ дыдэуэ зэрыщытыр зымыщ1э зымц1ыху щэ1эжькъым,
Ц1ыхухэм абы ф1ыуэ гу зралъытам къыхэк1ыу, анэдэлъхубзэм теухуа зэ1ущ1э-зэхуэсхэр ек1уэк1ырей щыхъуащ диаспорам. Ахэм яз зы, вэсмахуэ пщыхь щек1уэк1ащ Истамбул дет Шамил фондым и хэщ1апэм .
« Кавказыбзэхэр » зыф1аща зэхуэсым псалъак1уэуэ къек1уэл1ат Канадам, Америкем, Холландием, Тыркуем щыщ бзэ щ1эныгъэ ц1ыхухэмрэ лъэпкъыбзэм гулъытэ хуэзыщ1у тележыхь нэгъуэщ1хэри. Хэкуми хьэщ1эхэр къык1ын хуэдэуэ ягъэхъыбарат арщхьэк1э, къэмык1уэфахэуэ къыщ1эк1ащ,
Кавказыбзэхэр жа1ами, нэхъыбэу зытепсэлъыхьар адыгэбзэращ (Черкесыбзэ). Псоми фыщыгъуазэщи , иужьрей зы илъэс илъэсит1ым , алфабэм теухуа зэныкъуэкъуныгъэхэр щок1уэк1 Тыркум, мы пщыхьми куэдыр зытепсэлъыхьар аращ . Кирилми латинми телъхьэ хэхъухэм трагъэчыныхь ауэ, мы кирил латин 1уэхум, нобэ ныжэбэк1э к1э игъуэтын хуэдэуэ щыткъым ,
А псори зы лъэныкъуэ едгъэзынщи, сэ мы пщыхьым сигу къинэжахэр нэгъуэщ1щ.. Ари мыадыгэ бзэщ1эныгъал1ит1ым къыхагъэщахэращ ;
Холландием ик1а щ1эныгъэл1ыр къыщыпсалъэм ар жи1ащ ,
« Нобэ бзэ 6000-м хуэдиз щызок1уэ дунейми, мыхэм ящыщу илъэс 200 нэужьым къэнэнур 500 къдейращ .Я лъахэ пэ1эщ1эу
диаспорам щыпсоу лъэпкъхэм я лъэпкъыбзэхэр (Адыгэбзэри хэту) яхъумэфыну 1эмал ягъуэтыфынукъым , хэк1уэдыжынущ »
Абы къык1элъык1уэу къэпсэлъа Канадэм щыщ адрей щ1эныгъэлми моуэ жи1ащ ;
« Пэжым ухуеймэ, Путин, олимпиадхэр щащ1ыну щ1ыпэу Сочэр зэрихихамк1э ф1ыщ1эшхуэ къахуищ1ащ Черкесхэм .Сыт щхьэк1э жып1эмэ , апхуэдэ щ1ык1эк1э , Черкес лъэпкъ гъэк1уэдымрэ лъапсэрыхымрэр дунейм зыхырагъэхынк1э ар игъуэ къахуихуащ Адыгэхэм , ауэ ар яхузэф1эк1ыу щытмэ...»
Щ1эныгъэл1ит1ым мы къыхагъэщахэр жыт1э зэпытщ дэри ф1ыуэ щ1ащи ауэ хамэхэм ахэр къызэралъытам къытеувы1эпхъэщ,
Жыт1э зэпытщ, нобэ олимпиадхэр щащ1ыну щ1ыпэхэр, Урыс Пащтыхьыгъуэм зэтыриук1а адыгэхэр зыщ1элъ щ1ыналъэхэрауэ зэрыщытыр, абы щыгъуэ Черкесхэм лейуэ къатехуахэри иджы Урысей Федерацэм игъэзэк1уэжын зэрыхуейр ахэм я щ1эблэр лъэпэщхьэпо хуимыгъазэу я Хэку къигъэк1уэжыуэ,
Жыт1э зэпытщ, Лъэпкъыщхьэри лъэпкъыбзэри Адыгэхэр Хэкум зы щымхъужауэ зэрымпсоуфынур ..
Абы нэмыщ1к1э, нобэ зауэзэрыл1ым хиубыда Сирие адыгэхэр, зы диаспорам ик1ыу адрей диаспорам мык1уэуэ, УФ-м лъэпощхьэпо куэд къыхуигъауву щытми, 1эмал зэри1эк1э ахэр Хэкумк1э унэт1ын зэрыхуейри жыт1э зэпытщ ..
Хэкум къик1ыну жа1а ди къэщ ди щыпхъухэми моуэ саупщ1ынут къэк1уэфахэуэ щытатэмэ ;
« Уф-м и къэрал хабзэми, Къэбэрдей –Балкъэрым и къэрал хабзэми урысыбзэм хуэдэу адыгэбзэри къэралыбзэуэ къигъэлъагъу пэтрэ л1о адыгэбзэр парламентым, хьэкумэтым, адрей къэралыгъуэ 1уэху щ1апэхэм щ1ыщызрамыхьэр ? »
Сщ1экъым гугъэзагъэу зы жэуап къызатыфыну щтами...
Иужь дыдэуэ, мы зэхуэсыр зэзгъэпэща ик1и езгъэк1уэк1а Къэндур Мухьэдин куэд лъандэрэ си гум илъ зы упщ1эк1э зыхуэзгъэзэнут игъэ къысхуигъэхуатэмэ ;
« Л1о уи кино-филымым АДЫГЭ ф1омыщу ЧЕРКЕС щ1ыф1эпщар .. Абы и щхьэусыгъуэр сыт?»
Хэт ищ1эрэ, абы къыпиджэжынухэр, « Дэ Черкесым дыхуэныкъэкъым , Адыгэр дыхурикъунщ » жызэ1хэм жэуап хуэхъунк1э хъунт..
Тэгъулан Екъуб
