

Адыгэм зиухъуреихьыуэ и унэ исыныр зеикI и хабзэуэ щытакъым. Адыгэ гъащIэр сыт щыгъуи , зэпIэзэрыту , зэпэшу икIи мыбэлэрыгъуу щытыным хуэгъапсат.И цIыкIущхьэм щыщIэдзауэ а щытыкIэм зэрытетыным хуагъасэт, жьы дыдэ хъухуи арат и псоукIэр.Адыгэ Хэкум къизэрыхьыуэ лъэпкъым къытезэрыгуэ зэрыпхъуакIуэхэм япэщIэтыфын папщIэ апхуэдэ къабзэуэ мыхъууи хъунутэкъым.
Абы къыхэкIыуи адыгэ цIыхухъур зекIуэлIт, зекIуэреилIт.Хэгъуэгум икIынт, и унэ и жьэгу ибгынэнти мазэ бжыгъэкIэ къекIуэлIэжынтэкъым.Шы гуартэ къихуу къэкIуэжыныр и щхьаусыгъуэт, щIежэ щIыкIэм и пэжыпIэр аратэкъым, нытIэ бийм хуэгъапсауэ, зауэм хуэхьэзырыуэ щытынрат.
Урыс паштыхьыгъуэм, къафкъас лъэпкъхэм къарищIылIа, псом хуэмыдэуэ адыгэхэмкIэ лъэпкъ гъакIуэд хъуа гущIэгъуншэ зауэхэм иужьым Тыркум къэIапхъуа адыгэхэми зыкъомрэ зекIуэ кIуэн хабзэр зэрахьащ. Арати, Узуняйлэ адыгэм ящыщ зекIуэлIхэр яшхэм щэсхэти зы мазэ- мазитIкIэ я унэм къыщемкIуэлIэж щэIа хъурт
Аурэ, адыгэхэр хомхуомурэ я унэ имкIыж , зекуIэ мыкIуэж, абы къыдэкIуэуи я хабзэ-бзыпхъэхэр, я бзэр яIэщIэхуу, я лъэпкъыщхьэр яфIэкIуэду щIидзащ.Мыбдежым, зекIуэ зэрымкIуэжхэра я лъэпкъыщхьэр щIафIэкIуэдыр, хьаурэ я лъэпкъыщхьэр зерыхэзырхьыжра зекIуэ мыкIуэж щIэхъуар, ар IупщIкъым ауэ сэ сигугъэмкIэ тIури зыр зым шэсыпIэ хуэхъуащ.
Тхьэм и фIыщIэкIэ нобэ мащIэ-мащIэурэ Iуэхур фIымкIэ зэрихъуэкI, «зекIуэлIыуэ зекIуэреилIхэр» нэхъ къытхэкI хъуащи ар ди гуфIэгъуэщ.Iэщэ-фащэкIэ заузэдрэ я шым шэсу ежьэ щымыIэжми, заухъуреихьыуэ бжэгъум хуэдэуэ щымысхэр кIуэху нэхъыбэ мэхъуэ.Иджырей зекIуэлIхэр, адыгэ лъэпкъыщхьэр яхъумэн папщIэ, джатэ IэпщэкIэ мыхъуу , демократие хабзэм тету уэрамым къыдэхьэ, утыкум къихьэхэращ.Нобэрей зекIуэреилIхэр, псалъэ къудейкIэ мыхъуу, ауэ гъущIыпэи хэмыту, мамырыгъэкIэрэ уэрамхэмрэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмрэ деж макъ IэтакIэ зкъазгъэлъагъуэхэращ.
Диаспорам и « зекIуэреилIхэм» лъэпкъ Iуэху щхьэкIэ блэкIа махуэхэм, гъатхапэм и I2-мрэ мэлыжьыхьым и I7-м, уэру я макъ зэрагъэIэтащ.Мис иджыи, накъыгъэм и 2I-м, икIи Тырку республикэм икIикI Урысей Фэдерацэм хуэгъэзауэ пэкIу ирагъэкIуэкIынущ.Тырку республикэм жраIэнущ адыгэхэр лъэпкъ щхьэхуэуэ илъытэуэ, и щэнхабзэмрэ и бзэмрэ хъумэныр къэралыгъуэм езбы иIэкIэ игъэзэщIэну.Урысей Фэдэрацэми къыхуеджэнухэщ Урыс Пащтыхьыгъуэм адыгэ лъэпкъым ирихауэ щыта леишхуэмкIэ зимусыжу, дунейм щикъухьа адыгэхэм я адэжь хэкум къагъэзэжыным къыпэщыт лъэпощхьэпохэр иIэтынымкIэ.
ЗекIуэлIыуэ зекIуэреилIхэр тхьэм игъэбагъуэ!
Тэгъулан Екъуб
Истамбул
