Karakter boyutu : 12 Punto 14 Punto 16 Punto 18 Punto
Tegulan Yakup
А Д Ы Г Э Х ЭМ П О Л И Т И К Э Р Я Ц1 Ы Х У К Ъ Э ?
11 Temmuz 2014 Cuma Saat 19:38


Тыркум аргуэру зы хэхэныгъэ къеблэгъащ.Иджырэкъэсыхук1э парламентым хихыуэ щыта Къэралым и 1этащхьэр мызэ гъуэгу жылэм хахынущ . Политикэр, цIыхубэм я Iуэху зыблэхыным, цIыхухэм я гугъуехьхэр дэгъэкIыным, цIыхуцIыкIур мамыру, хуэщIауэ гъэпсоуным теухуа Iуэху ехьэкIыкIэуэ щыщыткIэ, адыгэхэри абы хуэIэкIуэлъакIуэуэ икIыи хуэIэижьыуэ щытын хуей щхьэкIэ, ди лъэпкъагъухэр иджыркIэ политикэ гъащ1эм щыплъагъукъым Тыркум ис адыгэхэм я бжыгъэм елъытауэ, 40-м щIигъу адыгэ парламентар Тырку Хасэшхуэм хэтын хуея щхьэкIэ, нобэ зыщыпл1 ф1эк1а хъукъым. Адыгэ лъэпкъ Iуэху зезыхуэ парламетари щыIэххэкъым жыпIэми ярейщ.

Апхуэдэуэ щIэхъу щIыкIэм щхьэусыгъуэ кIуэд иIэуэ къыщIэкIынущ. Дунейм и щIыпIэ куэдми щыапхуэдэщ ауэ Тыркум политикэ щыпщIыным нэхъ егъэлеяуэ, адыгагъэм, адыгэ щэнхабзэм, адыгэ гупсысэм къемызагъ мыхъумыщIагъэ кIуэд къыдокIуэ. Тыркум политик утыку щыбубыду удэкIуэтеин папщIэ, куэдым щхьэщэ яхуэпщIын, къакIэлъыпкIухьын зэрыхуейм къыщымынэуэ, емыкIу-гуэныхь жомыIэн, укIытэр-напэр хэпхыжын щыхуей зэман куэди къохъ.

Iуэхум и курыкупсэм тэрэзу ухэплъэмэ, адыгэхэм цIыху зехьэкIэ ямыщIэуэ политыкэм щымыгъуазэуэ зэрыщымытыр къыбгурIэнущ. Ипэжыпэм ухуеймэ, адыгэ Iуэху зехьэкIэр, адыгэ унафэ щыкIэр политикэ защIэуэ зэхэлъщ. Абы и шапхъэ куэдым адыгэхэм я тхыдэм ущыхуэзэнущ. Хэкум щекIуэкIа Кавказ-Урысей зауэщхуэм лъапсэрых ящIыуэ я лъахэм къыщырагъэIэпхъукIам щыгъуэ псоуапIэуэ яубыда щIыналъэхэм языхэзу щыт Узун-яйлэ щIыпIэм, адыгэхэм языхуаку къыдэхъуэ Iуэху къыиныгъуэхэр лIыщIхьэхэм политикэр къагъэIуэрыщIэурэ хъарзынэкIэурэ зыблахыуэ щытащ. Проблэмхэр фIырыфIкIэ къэралыгъуэм нагъэстэкъым, зауэ-банэ къимыкIыуэ, псоми я аразыныгъэ хэлъу псалъэ шэрыуэкIэ зэхагъакIт.

Политикэ жыхуIар аракъэ нытIэ?

Адыгэхэм, егъащIэ лъандэрэ, лIитI гъуэгу зэдэтеувэмэ зыр тхьэмадэуэ ягъэуву, зэгъауIуауэ унафэ къыздащтэуэ къогъуэгурыкуIэри, нобэй абы дрикIуэурэ къытщыщу зигуащIэ илъ цIыхухэр политикэм тедгъэгушхуэурэ утыку идгъэхьэн хуейщ. Ар мыхъумэ, къытщымыщхэр тепщэ къытхуэхъункIэ зэфIэнэнукъым лъэпкъ 1уэхуи къытхуэгъэк1уэк1ынукъым .

Тыркум зы мазэ нэужьым екIуэкIыну Президент хэхэныгъэм щыспеуэну кандидатхэр иджыблагъэ наIуэ къэхъуащи, ахэм язри Курд лъэпкъ 1уэху зезыхуэ гуэрщ Адыгэхэр щэ ? Ди жьагъуэ зэрыхъущи адыгэхэм я ц1эр хэхыныщъэхэм хуэгъэзауэ ауи ауи къра1уэкъым...

Аращи, лъэпкъыуэ дыпсоун дыхейуэ щытмэ, Хэкужьми, Тыркуми, дунейм адыгэ щыпсоу адрей къэралхэми я политик гъащIэм лъэ быдэкIэ зыхэдымгъэзэну Iэмал иIэкъым.Нобэрей щытыкIэм зедгъэкIууэ политикэр къэдгъэIуэрыщIэн фIэкIа хэкIыпIэ диIэкъым.


Тэгъулан Екъуб YAKUP TEMEL


Bu yazı toplam 4345 defa okundu.





Bu yazıya yorum eklenmemiştir.
Sitemizin hiçbir vakıf, dernek vs. ile ilgisi yoktur. Sitede yayınlanan tüm materyallerin her hakkı saklıdır. Sitemizde yayınlanan yazı ve yorumların sorumluluğu tamamen yazarına aittir.
Siteden kaynak gösterilmeden yazı kopyalanamaz.
Copyright © Cherkessia.Net 2009 İletişim: info@cherkessia.net