Karakter boyutu : 12 Punto 14 Punto 16 Punto 18 Punto
Tegulan Yakup Temel
ЧЕРКЕСИЯ ГАЗЭТ - Çerkesya Gazetesi - Cherkessia Newspaper
12 Mart 2012 Pazartesi Saat 00:49
Гатхапэм  и  11, тхьэмахуэ, 2011

ПСЫ ЩЫЗЫМЫЩЭФЫМ  ШКОЛЫМ  САГЪЭК1УАЩ

Турциям  и  президент   Абдуллахь  Гул , хьэрып  журнал  гуэрэм   ирищ1ыла зэ1ущ1эм, и гъащ1эмрэ  и  нэгу  щ1эк1ахэмрэ  я гугъ  щищ1ым, « Сэ  сысщыщ Къайсэр  къалэр   хьэрэчэтыщ1эхэмрэ   сатум яужь итхэмрэ   я  сентырщ. Къалэдэсхэм, я  бынхэр, я ц1ык1ущхьэм къыщыщ1эдзауэ хьэрэчэт 1уэхум  хуагъасэ, абы  трагъэгушхуэ.Сэри   ипэщ1ык1э , сатум  хуэгъэзауэ сагъэсэну, абы ехьэл1а зэф1эк1  си1эрэ  симы1эрэ зэхагъэк1ын  я  мураду, си  1эдэшхуэм  и тукэным  сагъэк1уат  ауэ  псы  нэгъунэ жып1ам щызымыщэфым , хъунутэкъыми сыкъашэжри  школым  сагъэк1уэжащ. Политикэми, сыщ1алэ дыдэуэ сыхэхьати  абыи политикэм нэхъ  щыгъуазэ  сыхъунымк1э  и  ф1агъ  къызэк1ащ. Сэрк1э  нэхъыщхьэр,  политикхэм я  щхьэ  1уэху зерамыхуэуэ  жылэм   яхуэлэжьэнращ. » жи1ащ .
                        
ЗЭХУЭДЭ  АЛФАВИТ
             
Диярбакыр  къалэм  ищыпэуэ  щысхуэса, куртыбзэк1э  бзэщ1эныгъал1  200 къызрихьэл1а, Курт  Лъэпкъыбзэ  Конферанцым  и  к1эух  деклерацэм мыхэр  къыщыжа1ащ:

1.Куртыбзэм  и жы1эк1эхэр  беягъэщ, псори  хъумэн хуейщ,

2. Куртхэр  зэрыгъэщ1эн,  лъэпкъыпсэ  зэрыгъэхъун  папщ1э, я зэхуэдэуэ   зы  алфавит ( алфабэ) ямы1эныр  1эмалыншэщ,

3. Мы  конферанцым, куртыбзэк1э  егъэджэныр ,ц1ыхугъэм  къыдэк1уэ  зы  хьэкъыуэ  елъагъу,

4.Пэщ1эдзэ  еджап1эхэм  щыщ1эдзауэ  университетри  хэту,  куртыбзэр  зэрагъаджэ  бзэуэ  гъаувын хуейщ,

5.Куртхэм лъэпкъ  програмэрэ  бзэ  политикэрэ  я1эн хуейщ,

6.Куртыбзэр,  гъащ1эм и лъэныкъуэ  зыкъэмынэмк1э зехьэнымк1э  къек1уэл1ахэм  долъэ1у,

Черкесхэми ( адыгэхэм),  мыпхудэ зы  конферанц  ящ1у мыбы  ещхь зы деклерацэрэ  ятын  хуейкъэ, л1о жыф1эр?

ЕРДОГАН    1ЕЙУЭ  ЩХЫДАЩ
       
Пример  министер Таййип  Ердоган, и  узыншагъэм хуэгъэзауэ Тараф  Газэтым  къытехуа  псалъащхьэм  щытепсэлъыхьым, « Ди  гъащ1эм  п1алъэ  хуэзгъэувхэр напэншэщ» жери 1ейуэ  хуэщхыдащ. Иужьми, « Гъащ1эр  къыдэстар  Алыхьращ,  ды1ысхыжынури  аращ, ди  лъэныгъэ  п1алъэри  аращ  зубзыхуари  ари  зымик1  зэрихъуэк1ынуфкъым» жери  пишэжащ.
Зэхэвмыхамэ  фыщыдгъэгъуэзэнщ, блэк1а  мазит1ым и  к1уэц1ым, Ердоган  и к1эт1и гъумхэмк1э т1оунейуэ  операцэ  хъуащ, иджы хъужауэ  и 1уэху  и дэлъ яужь  ихьэжащ  ауэ  хэтми,  ябзыщ1 щхьэк1э, абы  и  сымэджагъэр  лышхщ жари  псалъэ къырахьэк1, и  гъэщ1эми  илъэсит1  п1алъэ хуащ1.
Ари  жыт1энщ, Ердоган  и  дохутырхэм, примерыр хъужыпауэ, и узыншагъэри  хъарзынэ  дыдэуэ жа1э. И жыджэрагъым  уэплъмэ  зэик1  сымэджафэи   теткъым.


СЫТ  Я  МАХУЭ  ?
Гъатхапэм  и  8-р , ц1ыхубзхэм  я  дунейпсо  махуэщ,
А махуэр  Тыркуми щагъэлъэпащ..
Ауэ  ц1ыхубзхэм сыт мыгъуэр  я  махуэ?
Мы  лъахэм,  махуэ   къэс  ц1ыхубзищ щаук1..,зыкъомми лей  ирах,
Зыук1хэри  хэт  жыф1эмэ.. Ял1хэращ, я дэлъхухэращ, я адэхэращ, езым  и 1ыхьлы дыдэхэр..
Зы махуэ  жып1эмэ   дек1ынкъым  газэтхэм  къытемыхуэуэ, телевизорхэм  щамыгъэлъагъууэ , зы  ц1ыхубз  ямук1ауэ  е  ямгъэгъуэуэщхьэуэуэ,
1эмал им1эж  щыхъум, дигъуэснэхъыпэ, Тырку  Хасэм закон  къыдигъэк1ащ лажьэ  зылэжьхэм тазиришхуэ 
 
тралъхьэну..

Щхьэпэ хъумэ тлъагъункъэ..!
Тхьэм  и ф1ыщ1эк1э,  щ1апхъэджащ1эхэм Черкес  къахэхуауэ  зэик1  зэхэсхакъым..

ЛЪЫР  ЩЫЖЭНУЩ...

Нэгъабэ  лъандэрэ  Тырку  телевизорхэм  щыджэгу Л1эщ1ыгъуэ  Телыджэ  зи ц1э филмым  и сенарист ,(зэ1ущ1эхэр  зытх, къэзгъэхъыбар)  адыгэ  ц1ыхубз Мерал  Окай,( Езыр  Узуняйлэ  щыщщ) « Къэк1уэ  гъэ, филмым  лъыр  псым  хуэдэуэ  щыжэнущ! » жи1ащ.

Л1эщ1ыгъуэ  Телъыджэ  телефилмыр, лъахэм  икъук1э  ц1эры1уэ  зэрыщыхъуам  къыщымынэуэ, дунейм и  къэрал  куэдми  къыщыщ1оупщ1э  я  телевизорхэм къыщагъэджэгуну. Сенарист  ц1эры1уэр, и сенариом  къытеубыхьхэм  щыпеджэжым, «Филымыр  тхыдэм теухуауэ  щытми , зэфэзэщуи  ещхькъым щ1эщхьыни  щы1экъым, ар зы филымщ, тхыдэр зэзгъэщ1эн хуейхэр тхыдэм теухуа тхылъхэм иреджэ»  жи1ащ. Мэрал  Окай иужьым  моуэ  пищэжащ,  « Къэк1уэ гъэ  джэгуну  филмым  и  ещанэ 1энат1эм,  л1ыук1 куэд  къэхъунущ, лъыри  псым  хуэдэуэ  жэнущ»..

Мыр  филму  щытми, Уэсмэн Пащтыхьыгъуэр  зэрыщыта  куэдым ущегъэгъуазэ.Тахътэр  зы1эщ1агъэхьэн, тепщэныгъэр  яубыдын  папщ1э, пащтыхь  лъэпкъым и  ц1ыхухъухэм зыр  зым  иук1ыжт. Адэм къуэр,  къуэм  адэр иук1т, зэкъуэшхэр  зэрыгъэук1ыжт, ц1ык1у ин  жамы1эуэ, быдзафэ  сабихэри нэгъунэ  хэту. Мы  филымыр  зытеухуа, Уэсмэн  Империем я нэхъ  ц1эры1уэ  пащтыхьхэм ящыщ Султан  Сулейман, иужьк1э  къыпеувынк1э  шынэри, и  къуэ  дыдэ Мустафа  иригъэтхьэлэжат,  езбы  къэк1элъык1уэ адрей пащтыхьхэми  зэращ1эм ещхьыуэ.


ЧЕРКЕСХЭР  КЪИГЪЭГУБЖЬАЩ

Махуэ  зыбжанэ  ипэ, Адыгейм к1уэжа  адыгэхэм щыщ зыбгъупщ1ыр,жеуапым  ирашал1эри сыхьэт къомк1э я1ыгъащ   як1эщ1эупщ1ыхьыурэ,

Тыркум  ик1ыжу  я  адэжь щ1ыналъэ  Черкесия   згъэзэжа  адыгэхэм  Урыс  т1асхъэщ1эх Ухуэныгъэ  ФСБ-р зэрыхущытым , диаспорэм  ис   я лъэпкъагъухэр  игъэп1ейтеящ  ик1и къигъэгубжьащ. Илъэс  т1ощ1  ипэ  Адыгэ  Республикэм ягъэзэжу  ц1ыхубэм   яхэсыхьыжа  хэкупсэхэр, ФСБ-м  щхьэусыгъуэ  мыфэмыцхэмк1э  игъэкъуашэурэ   зэрыдикъузэр, зи адэжь щ1ыналъэм гъэзэжын зи  мурадхэр иригъэк1уэтын папщ1э Урысейм  къыбгъэдэк1 1уэхугъэуэуэщ  Тыркум щыпсоу адыгэхэм  зэралъытэр.

Тэгъулан Екъуб  ,   Истамбыл
      

Bu yazı toplam 3613 defa okundu.





Bu yazıya yorum eklenmemiştir.
Sitemizin hiçbir vakıf, dernek vs. ile ilgisi yoktur. Sitede yayınlanan tüm materyallerin her hakkı saklıdır. Sitemizde yayınlanan yazı ve yorumların sorumluluğu tamamen yazarına aittir.
Siteden kaynak gösterilmeden yazı kopyalanamaz.
Copyright © Cherkessia.Net 2009 İletişim: info@cherkessia.net